-
1 ауэ
I союз но/ АрщхьэкIэ.* КъекIуркъым уи щхьэ ущытхъуну, ауэ сэ къыспэщIэхуа сымаджэхэр псынщIэу хъужырт. Хь. Хь.II нареч. 1. там/ Абдеж.Пэгуныр къехьэхи ауэ гъэув.* Дыгъужьыр джащ: - Зэ ауэ фызэтеувыIэт! -жиIэри. Сов. Къэб. ифольк.2. просто так, даром; только лишь; так; раз так/ ЗытIэкIукIэ, зы мащIэкIэ, сытми.* И IэщIагъэри ибгынэжауэ ауэ къуажэм дэст. фольк.Ауэ етын отдать даром, бесплатно; продать за бесценок.Ауэ зытIэкIукIэ хоть чуточку.Ауэ сытми просто так.* ПыIэзэфIэхьым деж пыIэ къэхьыжыныр ауэ сытми тыншу зэфIэкI Iуэхутэкъым. Ш. А.Ауэ хуэдэу дешево.Ауэ щыхъукIэ в таком случае, раз так.* Ауэ щыхъукIэ щIым и гъунэгъуу фи унагъуэр къевгъэтIысэкI. П. Б.Ауэ щыхъукIи к тому же, в то время.* Ауэ щыхъукIи, ар зыхуэгуфIэ удз гъэгъахэр сытым ищIыс! Iуащхь.Ауэ щыщыткIэ=ауэ щыхъукIэ. -
2 щыхъукIэ
послелог в сочетании с именем употребляется в значении "раз (поскольку) он (она, оно) представляет собой... "/ ЩыIэцIэм щIыгъуу "апхуэдэу щыщыткIэ" мыхьэнэр иIэу къагъэсэбэп.ЦIыху щыхъукIэ шхэн зэрыхуейр гурыIуэгъуэщ.Ауэ щыхъукIэ см. ауэ. -
3 слIожь
1. употребляется в значении вопросительного местоимения "что?"/ Зыгуэрым цIэпапщIэ "сыт?" жыхуиIэм и мыхьэнэр иIэу къагъэсэбэп.* {Хьэбыж Башир жреIэ:} - СлIожь сэ пунэлат къызэпхын хуэдэу сщIар? Хь. Хь.2. употребляется для выражения уступки, условного допущения, согласия типа "ну что ж, ну и пусть"/ Зэрытримыгъэчыныхьыр, зэпсалъэм зэремыныкъуэкъур, абы къызэрыпикIуэтыр къигъэлъагъуэу къагъэсэбэп; ауэ щыхъукIэ, сыт-тIэ абы щхьэкIэ.* {Хьэсэнбий:} - СлIожь-тIэ, ауэ щыхъукIэ ди "шым" деуэнщ. Къу. С. -
4 зэдэгушыIэн
(зэдогушыIэ) перех. гл. 1. шутить между собой/ ГушыIэ псалъэ зэжеIэн.* {Болэт:} -Хъыджэбзрэ щIалэрэ щыхъукIэ икIи зэпсэлъылIэнщ, икIи зэдэгушыIэнщ. Къ. Хь. ЗэкъуэшитIыр егъэлеяуэ зэхуэгуапэт, зэхуэгумащIэт: зы махуэ зэрымылъагъумэ, зэхуэзэшырт, зэныбжьэгъуфIым хуэдэу зэдэгушыIэрт. Къ. М.2. переносное взаимно объясняться в любви/ Гухэлъ зэжеIэн, зэпылъын.* -Ди щIалэгъуэм щыгъуэ дызэдэгушыIэрт, ди гухэлъ зэжетIэрт, ауэ а хъыджэбзым и адэ ябгэм ди насыпыр зэпиудыгъащ, - игу къэкIыжащ лIыжьым. фольк.